Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ歌词由Черим Нахушев演唱,出自专辑《Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ》,下面是《Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ》完整版歌词!
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ歌词完整版
Насып вагъуэу къысlэщlопсыр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Гугъэ щэхухэр пхузопсыхьыр
Уи гупсысэм сыхосыхьыр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Сыкъыдэкlым сэ ди пщlантlэм
Узогъащlэр дэнкlи сlуантlэм
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Сэ сфlэмыфlми убзэныгъэр
Сфlэфlщ схэлъыну пэжыныгъэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Уэ мы си гур пlэщlызолъхьэр
Си щlэлэгъуэр нытызолъхьэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей
Угъэнщlащи зы lэфl гуэркlэ
Схуэтыфынущ си псэр уэркlэ
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Мыупщlэжу лъэм сынешэр
Гум и гу щlасэр зыбгъэдешэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Соlэт си щхьэр уэркlэ лъагэу
Узэрызиlэм щхьэ сыпагэу
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.